Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 20:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 20:1
22 Iomraidhean Croise  

Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.


Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.


НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.


– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ.


ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну.


– Фэ дауэ феплърэ? ЛӀы гуэрым къуитӀ иӀэт. А лӀыр и зы къуэм бгъэдыхьэри, жриӀащ: «Си щӀалэ, кӀуэи, нобэ си жызум хадэм щылажьэ».


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.


– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.


– КъинэмыщӀауэ Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыкӀуэнур зыхуэдэр мыращ. ЛӀы гуэр хамэ къэрал кӀуэн щыхъум, и унэӀутхэр къриджэри, и мылъкур яӀэщӀилъхьащ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Ар зыхуэдэр мыращ: ЛӀы гуэр жыжьэ кӀуэну, унэм щӀокӀ. Езым и Ӏуэху ищӀэну, и унэр унэӀутхэм яӀэщӀелъхьэ хэти, куэбжэм Ӏут хъумакӀуэми мыжейуэ сакъыну унафэ хуещӀ.


– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.


Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan