8 Ахэр Бэтлэхьэм щигъакӀуэм, яжриӀащ: – ФыкӀуи, сабийм и хъыбарыр фӀыуэ зэвгъащӀэ. Ар къэвгъуэтмэ, хъыбар къызэвгъэщӀэж, ар згъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сэри сыкӀуэнущи.
Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.
Тхьэгурымагъуэхэр щэхуу къриджэри, Ирод вагъуэр къыщыщӀэкӀа зэман дыдэр зригъэщӀащ абы и ужькӀэ.
Пащтыхьым къажриӀам едаӀуэри, тхьэгурымагъуэхэр ежьащ. КъуэкӀыпӀэмкӀэ щалъэгъуа вагъуэр абыхэм я пэ иту ядэкӀуэурэ, сабийр здэщыӀэ щӀыпӀэм щынэсым, абы къыщхьэщыуващ.