3 Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори.
– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.
Арати, цӀыхухэм я дин пашэшхуэ псори, я торэт егъэджакӀуэ пашэ псори зэхуишэсри, Ирод еупщӀащ: – Мэссихьыр къыщалъхун хуейр дэнэ?
– Еууей, Ерусалим, Ерусалим! Уи цӀыхухэм бегъымбархэр яукӀ, Тхьэм и лӀыкӀуэхэри, мывэкӀэ еуэурэ, яукӀ. Бзум и шырхэр и дамэ щӀагъым зэрыщызэхуишэсым хуэдэу, уи бынхэр сэ зэхуэсшэсыну сыт хуэдизрэ сыхуея, ауэ фэ фыхуеякъым.
Гъунэгъууи жыжьэуи зауэ хъыбар щызэхэфхынущ, ауэ фыщӀэшынэн щыӀэкъым. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.
– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.
Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.
Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти.