Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 2:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 2:23
20 Iomraidhean Croise  

– Сыт уи Ӏуэхуу дэ къытхэлъыр, Назарет щыщ Хьисэ? Дыбгъэунэхун щхьэкӀэ укъэкӀуа уэ? Уэ хэт ущыщми, сощӀэ. Тхьэм къыбгъэдэкӀа ЛъапӀэр уэращ.


Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.


А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ къызэрытщӀамкӀэ, мы лӀыр емынэ гуэрщ, дунейм журту тету хъуар къызэщӀеӀэтэ, диным ирилажьэ Назарет гупкӀэ зэджэми и унафӀэщӀщ.


Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.


Пхъуэбгъу кӀапэм «Назарет щыщ Хьисэу журтхэм я Пащтыхьыр» жиӀэу, Пилат и зауэлӀхэм трыригъатхэри, жорым трыригъэӀулӀащ. Ар журтыбзэкӀи, алыджыбзэкӀи, латиныбзэкӀи тратхат.


Хэт фызылъыхъуэр? – аргуэру еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм.


– Назарет щыщ Хьисэщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Сэращ ар, – яжриӀащ Хьисэ. Хьисэ абыхэм езыгъэубыдыну Иудэр абыхэм яхэтт.


Зиусхьэным и хабзэм и унафэм тету псори ягъэзэщӀа нэужь, Галилей хэкум щыщ я къалэ Назарет ягъэзэжащ Мэриемрэ Исуфрэ.


Елизавет мазихкӀэ лъэщыджауэ, Тхьэм и мелыӀыч ДжэбрэӀил Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм къигъэкӀуащ.


– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ.


– Назарет щыщ Хьисэ мыбыкӀэ блокӀ, – къыжраӀащ цӀыхухэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan