Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 2:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 2:16
21 Iomraidhean Croise  

и унэӀут цӀыхухъухэр къриджэри, яжриӀащ абыхэм мыпхуэдэу: – Феплъыт, си тхьэмадэм къытхуишащ журтыр, дэ дигъэпудын папщӀэ. Ар къыщӀыхьат си деж къыздэгъуэлъыну; ауэ сэ сыкӀиящ си макъ къызэрихькӀэ;


ХуиӀуэтэжащ абыи а псалъэ дыдэхэр, мыр жиӀэурэ: – Журт унэӀуту уэ къытхуэпшар къыщӀыхьат си деж, лей къызихыну.


Нэлат ялъысащ абыхэм я губжьым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гущӀэгъуншэти; я къанлыгъэми нэлат ялъысащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ябгэти; щызэхэзгъэкӀынущ ахэр Екъуб и хэкум, Израил хэкум щызэбгрызгъэкӀынущ ахэр.


Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.


Иеремие бегъымбарым жиӀэгъа мы псалъэхэр пэж хъуащ абы щыгъуэ:


Тхьэгурымагъуэхэр щэхуу къриджэри, Ирод вагъуэр къыщыщӀэкӀа зэман дыдэр зригъэщӀащ абы и ужькӀэ.


Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.


А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan