Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ. – Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 2:13
29 Iomraidhean Croise  

Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.


Зы къалэм гугъуехь щывагъэшэчмэ, нэгъуэщӀ къалэ фыкӀуэ. Пэжыр нывжызоӀэ, Израил къэралым и къалэхэр къэфкӀухьын фымыухыурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуэжынущи.


Ирод деж ямыгъэзэжыну Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къагуригъэӀуати, я къэралым нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ кӀуэжащ.


Арати, Исуф къэтэджщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Мысырым жэщу кӀуащ.


Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.


Ауэ Ирод и пӀэкӀэ абы и къуэ Архелай Иудей хэкум и пащтыхь хъуауэ хъыбар щызэхихым, Исуф абы ихьэжын шынащ. Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къыгуригъэӀуа нэужь, Галилей хэкум кӀуэри,


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ,


ЗыкъыщищӀэжым, Петр жиӀащ: – Зиусхьэным и мелыӀычыр къигъакӀуэу, Ирод сыкъызэрыӀэщӀихари, журт цӀыхухэм къысщыщӀыну жыхуаӀэ Ӏей псори симыгъэлъагъуу, сыкъызэрыригъэлари си нэгу щӀэкӀащ иджы.


Зиусхьэным и мелыӀычыр а унэм къыщӀэхутэри, унэр нэху къэхъуащ напӀэзыпӀэм. МелыӀычыр Петр и джабэм еуӀури, къигъэушащ: – ПсынщӀэу тэдж! – жиӀащ абы. Петр и Ӏэхэм Ӏэхъулъэхъур къыфӀэхуащ.


Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм а хъыбарыр Паул жриӀэжащ: – Ӏэтащхьэхэм фаутӀыпщыжыну я ӀуэхутхьэбзащӀэхэр къагъэкӀуащ. Аращи, иджы фыщӀэкӀыж. Гъуэгу махуэ!


Ауэ жэщым Зиусхьэным и мелыӀычым лъэхъуэщым и бжэхэр Ӏуихщ, ахэр къыщӀишыжри, жиӀащ:


А пащтыхьым ди цӀыхухэм хьэгъэщагъэ къакӀэлъызэрихьэрт, ди цӀыхухэм я сабийхэр имыгъэпсэун щхьэкӀэ, ахэр хыфӀригъэдзэжурэ ди адэжьхэм хьэкӀэкхъуэ-кӀагъэ къакӀэлъызэрихьэрт.


МелыӀыч гуэрым бгъэ иным и дамитӀыр цӀыхубзым къритащ, блэжьым и пащхьэм икӀыу, Тхьэм губгъуэ нэщӀым абы щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм лъэтэн щхьэкӀэ. Абдежым илъэсищрэ ныкъуэкӀэ щагъэшхэнущ.


Вагъуэхэм я Ӏыхьэ щанэр и кӀэмкӀэ уафэм къыщрилъэфажьэри, щӀылъэм къридзыхащ. Сабий пэплъэ цӀыхубзым и пащхьэм благъуэжьыр къиуващ, сабийр къызэрилъхуу иригъэлъэтэхын щхьэкӀэ.


ЦӀыхубзыр щӀэпхъуэжри, Тхьэм абы губгъуэ нэщӀым щыхуигъэхьэзыра увыӀэпӀэм щызэгъащ. Махуэ минрэ щитӀрэ хыщӀкӀэ щагъэшхэнущ ар абдежым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan