8 – Фэ фи ерыщыгъэм къыхэкӀкӀэ, фи фызхэр ивгъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит фищӀащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ахъумэ нэхъапӀэм апхуэдэу щытакъым.
Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ.
Псыдзэм хэмыхуэн папщӀэ, Нухь и къуэхэри, и фызри, и къуэхэм я фызхэри щӀыгъуу кхъухьым ихьащ.
Зиусхьэным и цӀэм хуэфащэ щӀыхьыр хуэфлъагъу, тыгъэхэр хуэфхьи, фыдыхьэ Абы и пщӀантӀэхэм!
– АтӀэ, «ЛӀым зэрыригъэкӀыж тхылъ фызым иритмэ, фызыр иригъэкӀыж хъунущ» жиӀэу, Мусэ бегъымбарым сыт унафэ щӀищӀар? – къыжраӀащ фарисейхэм Хьисэ.
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.
Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.
Мусэ бегъымбарым а унафэр къыфхуитхащ фызэрыерыщым щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.
Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, атӀэ апхуэдэу влэжьыну хуит фысщӀу арщ.