6 Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
– «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам феджакъэ?
– АтӀэ, «ЛӀым зэрыригъэкӀыж тхылъ фызым иритмэ, фызыр иригъэкӀыж хъунущ» жиӀэу, Мусэ бегъымбарым сыт унафэ щӀищӀар? – къыжраӀащ фарисейхэм Хьисэ.
Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ.
Апхуэдэу, лӀым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фӀыуэ илъагъун хуейщ. Зи фызыр фӀыуэ зылъагъум и щхьэри фӀыуэ елъагъуж.
Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.