5 – «Абы къыхэкӀкӀэ, лӀыр и адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ», жиӀэу Тхьэм зэрыжиӀам феджакъэ?
Абдеж абы и игу кӀэрыпщӀащ Динэ, Екъуб и пхъум, абы пщащэр фӀыуэ илъагъури, псалъэ гурыхькӀэ епсэлъащ.
ЩӀыгу гъунэм нэсу зауэхэр щегъэувыӀэ, зэпеч шабзэпсыр, зэпеуд бжыр, мафӀэм пэредзэри, мэӀухэр егъэс.
Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр; уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.
Аращи, ахэр зыпкъщ, пкъитӀ хъужыркъым. Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.
Псэжьым зыгуэр гъусэ хуэхъумэ, а тӀур зыпкъ зэрыхъур фщӀэркъэ? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «А тӀур зыпкъ хъунущ».
Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ.
Фызыр езым и пкъыми тепщэкъым, абы и тепщэр лӀыращ. Апхуэдабзэуи, лӀыри и пкъым и тепщэкъым, абы и тепщэр фызыращ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр и адэ-анэхэм яхэкӀынурэ, и фызым гъусэ хуэхъунурэ, а тӀур зыпкъ хъунущ».