Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 19:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 – Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 19:4
15 Iomraidhean Croise  

ИкӀи Езым и теплъэ иӀэу, Езым ещхьу къигъэщӀащ Тхьэм цӀыхур; цӀыхухъурэ бзылъхугъэу къигъэщӀащ ахэр.


ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм: – ФӀыкъым цӀыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщӀынщ абы хуэфащэ дэӀэпыкъуэгъу.


ЖиӀащ цӀыхум: – Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ, си лым щыщ лыщ; абы и цӀэу щытынущ цӀыхубз сыту жыпӀэмэ лӀым къыхахащи.


ЦӀыхухъурэ бзылъхугъэу ахэр къигъэщӀащ, и нэфӀ абыхэм ящыхуэри ахэр къыщигъэщӀа махуэм цӀэуэ цӀыху яфӀищащ абыхэм.


– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


И гъуэгу ирикӀуэхэр кӀуэри, Хьисэ зэражриӀам тету ящӀащ.


Ауэ лӀахэр къэтэджыжыныр пэж, жыфӀэу фыщӀэупщӀэмэ, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм феджакъэ:


Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».


– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжэлӀауэ гугъу ехь щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.


– Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?


Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan