Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 19:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 – Сэ жысӀар хэти ищтэн лъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Ар зыщтэн зылъэкӀыр Тхьэм лъэкӀыныгъэ зрита къудейрщ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 19:11
7 Iomraidhean Croise  

Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр.


Мы Ӏуэхухэр щӀыжысӀэр Ӏэпхлъэпх фысщӀыну аркъым, атӀэ си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, зэпымыууэ икӀи зыми фызэтримыгъэувыӀэфу хабзэм тету Зиусхьэным фыхуэлэжьэну арщ.


Ауэ зинэ щӀэным зыщихъумэн щхьэкӀэ, хэти езым и фыз иреӀэ, дэтхэнэ фызми езым илӀ иреӀэ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


– ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къашэни дэкӀуэни ялъэмыкӀыну я анэхэм къызэралъхум щхьэкӀэ, языныкъуэ цӀыхухэм къашэнукъым икӀи дэкӀуэнукъым. ЦӀыхухэм языныкъуэхэри яугуэщхъуащи, ар яхузэфӀэкӀынукъым. Языныкъуэхэми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтын щхьэкӀэ, къашэнуи дэкӀуэнуи ядэркъым. Ар зыщтэн зылъэкӀынум ирещтэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan