10 – ЛӀымрэ фызымрэ зэрызэхущытыр апхуэдэмэ, абы щыгъуэ къыумышэххэныр нэхъыфӀщ, – къыжраӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.
ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм: – ФӀыкъым цӀыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщӀынщ абы хуэфащэ дэӀэпыкъуэгъу.
– Сэ жысӀар хэти ищтэн лъэкӀынукъым, – яжриӀащ Хьисэ. – Ар зыщтэн зылъэкӀыр Тхьэм лъэкӀыныгъэ зрита къудейрщ;
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз зинэ имыщӀауэ ар изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми зинэ ищӀауэ мэхъу. Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
Къэзымыша-дэмыкӀуахэми, фызабэхэми мыр яжызоӀэ: Сэ схуэдэу фызкъэмышэу фыкъанэмэ, фӀыщ.
Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,