5 Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
Си сыщысымаджэм гугъу фыкъыздехьами, нэмыплъ къызэфтакъым икӀи Ӏумпэми сыфщӀакъым, Тхьэм сримелыӀыч хуэдэ, е сы-Мэссихь Хьисэ хуэдэ фыкъысхущытащ.
Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
– Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу; сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми иригъэблагъэр си закъуэкъым, сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.
Пэжыр нывжызоӀэ, Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, хэту щытми, псы фалъэ фезыгъафэм и ӀыхьэфӀ фӀэкӀуэдынукъым.
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».
Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.
Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.
– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.