4 Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.
И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.
Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.
Абыхэм зыри жаӀакъым, гъуэгу щытетым, «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ ахэр зэдэуати.
зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.
– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.
Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.
Фэ, ныбжьыщӀэхэри, нэхъыжьхэм фахуэӀурыщӀэ. Пагагъэ фи гум имылъу фызэхущыт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым».