1 И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?
Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри,
Фэ фщыщ нэхъ ин дыдэр ӀуэхутхьэбзащӀэ фэ къыфхурехъу.
умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.
– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.