8 Къыщыдэплъейм, Хьисэ фӀэкӀа зыри ялъагъужакъым.
А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ.
Щыщаплъыхьым, напӀэзыпӀэм Хьисэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри ялъагъуакъым абыхэм.
Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ: – Фыкъэтэдж, фымышынэ.
Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.