1 Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петри, Екъуби, абы и къуэш Иуани зыщӀигъури, абыхэм я закъуэ бгы лъагэ дишащ.
Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.
Хьисэ Петррэ Зеведей и къуитӀымрэ здишэу кӀуа нэужь, нэщхъейуэ, гузавэу щӀидзащ.
Хьисэ, Тхьэм и унэшхуэм хуэзанщӀэу, Елеон Ӏуащхьэм тесу, Петр, Екъуб, Иуан, Индрис сымэ фӀэкӀа щӀымыгъуу къыщынэм, ахэр къеупщӀащ:
Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ.
Иаир и унэм щынэсым, Петр, Иуан, Екъуб сымэрэ хъыджэбзым и адэ-анэмрэ фӀэкӀа Хьисэ унэм здыщӀишакъым.
Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ.
Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.
Уафэм къиӀукӀа а макъыр ди тхьэкӀумэхэмкӀэ зэхэтхащ, абы дригъусэу Ӏуащхьэ лъапӀэм дытетащи.