4 Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.
ЖиӀащ Зиусхьэным: – ЦӀыхухэр игъащӀэкӀэ псэуну хуит сщӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм лӀэныгъэ къащӀэлъщ; ирехъу абыхэм я гъащӀэ махуэхэр илъэсищэрэ тӀощӀрэ.
– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.
Гуэлым щызэпрыкӀыжым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм щӀа-кхъуэ къыздащтэну ящыгъупщат.
Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.
Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
НэгъуэщӀ псалъэ куэдкӀи хуабжьу тригъэчыныхьурэ Петр абыхэм елъэӀуащ: – Мы лъэпкъ бзаджэм Тхьэм зыхевгъэшыжи, фымыкӀуэду зыкъревгъэгъэл.