11 «Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?
Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ.
Хьисэ жыхуиӀар щӀакхъуэ пщагъэр артэкъым, атӀэ фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ цӀыхухэм ирагъащӀэу щыта Ӏуэхурт. Абы зыщахъумэн зэрыхуейр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абы щыгъуэ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.
Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?
Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.
– Зыри къывгурымыӀуэу ара иджыри? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.
Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! ЩӀылъэмрэ уафэмрэ я теплъэм къикӀыр къывгуроӀэ, мы зэманым и нэщэнэхэм къикӀыр къыщӀывгурымыӀуэр сыт?
ЖысӀэр сыт къыщӀывгурымыӀуэр? Сэ жысӀэр зэхэфхыфыркъыми, аращ къыщӀывгурымыӀуэр.