12 И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?
Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.
– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.
ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым.
Ауэ хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр мыкӀуэду къыфхуэдгъэнэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэм дахуикӀуэтакъым икӀи дахуэӀурыщӀакъым.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.