10 Хьисэ цӀыху гупышхуэр къриджэри яжриӀащ абы и ужькӀэ: – ФыкъэдаӀуэ икӀи жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
– Аращи, Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэур» щӀыпӀэ лъапӀэм иту щыфлъагъукӀэ (еджэм ар къыгурыреӀуэ),
ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ,
Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.
Аращи, фи хъыбарыр щызэхэтха махуэм щыщӀэдзауэ, Тхьэм дыфхуелъэӀуныр зэпыдгъэуакъым. Тхьэр зыхуейр нэсауэ къывгуригъэӀуэнуи, и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ акъылыфӀагъэ псори гурыӀуэныгъэ псори фиӀэнуи долъэӀу.
Ауэ фэ фщыщ гуэрым и акъылыфӀагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэӀу, абы акъылыфӀагъэ къритынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зыри имыгъэкъуаншэу, и гуапэу Тхьэм цӀыху псоми фӀы яхуещӀэ.