Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 14:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Пщы Ирод, Хьисэ и хъыбарыр зэхихати,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 14:1
15 Iomraidhean Croise  

Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуэху телъыджэ куэд абдежым щилэжьакъым.


А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.


АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.


Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.


Ирод пщыми къуаншэу илъытакъым ар, аращ къыщӀытхуригъэшэжар. Фэ зэрыфлъагъущи, укӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым.


Тиверий кесарым и тетыгъуэм и епщыкӀутхуанэ илъэст; Понтий Пилат зи цӀэр Иудей хэкум и Ӏэтащхьэт абы щыгъуэ. Ироди Галилей хэкум ипщт; Ирод и къуэш Филипп Итурей, Трахонит хэкухэм япщт; Лисаний зи цӀэр Авилиней хэкум ипщт.


Езым и къуэшыр псэу пэтми, абы и фыз Иродиадэ къызэришэжам щхьэкӀи нэгъуэщӀ мыхъумыщӀагъэу илэжьа псом щхьэкӀи Иуан пщы Ирод егиящ.


пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.


Ирод пащтыхьым члисэ зэхуэсым щыщ цӀыху гуэрхэр яригъэубыдри, и заулӀхэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ ярыригъащӀэу щӀидзащ а махуэхэм.


Бегъымбархэри дин егъэджакӀуэхэри Антиохие щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм яхэтт: Варнавэ, «ФӀыцӀэкӀэ» зэджэ Симон, Кириние къалэм щыщ Луций, Манаил (ар Ирод пщым и гъусэу япӀарщ), Щаул сымэ.


– А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan