Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 13:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъалъэщ, къэкӀри, щхьэмыжхэр къыпыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзищэ хъуащ, адрейр гуэдз хьэдзэ хыщӀ хъуащ, ещанэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 13:8
11 Iomraidhean Croise  

Исхьэкъ а щӀыналъэм итӀысхьащ, гъавэ щисэри къытрихащ а гъэм хьэуэ хуэдищэкӀэ нэхъыбэ: апхуэдэу и нэфӀ къыщыхуащ абы Зиусхьэным.


НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.


А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлащ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэхах, ящтэ икӀи фӀыгъуэ къадокӀуэ, – е хуэдэ щэщӀ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдищэ.


А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀым, хэхъуэурэ, щхьэмыжхэр къапыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ, адрей гуэдз хьэдзэр хьэдзэ хыщӀ, адрейри хьэдзищэ хъуащ.


НэгъуэщӀ цӀыху гупыр щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ фӀыгъуэрэ щыпкъагъэрэ зи гум илъу, Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыубыдыр. Теубыдэныгъэ яӀэщ икӀи фӀыгъуэ къапокӀ абыхэм. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъэлъащ. Ахэр къэкӀри, щхьэмыжхэр къапыкӀащ, зы гуэдз хьэдзэр гуэдз хьэдзищэ хъуащ. Ар жиӀа нэужь, макъышхуэкӀэ щӀигъужащ Хьисэ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.


ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.


Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan