51 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ абы и ужькӀэ: – Мы Ӏуэхугъуэ псори фӀыуэ къывгурыӀуа? – ФӀыуэ къыдгурыӀуащ, Зиусхьэн, – жэуап къатыжащ абыхэм.
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.
мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.
– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ?
«Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?
– Аращи, Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэур» щӀыпӀэ лъапӀэм иту щыфлъагъукӀэ (еджэм ар къыгурыреӀуэ),
Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.
– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.