3 Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.
Ар уэгуми щӀыгуми щыхьэту къоджэ и цӀыху лъэпкъым хьэкум тригъэщӀыхьыну.
уи ӀурыщӀэхэм я хьэдэхэр – къуалэбзухэм, уи цӀыху лъапӀэхэм япкъхэр – хьэкӀэкхъуэкӀэхэм иратащ, яшхын папщӀэ;
Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ.
А ущие хъыбархэр щиухым, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ.
Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ:
– Ахъуо жыгым къыщыщӀымкӀэ зыгурывгъаӀуэ: абы и къудамэхэм псы къыщӀыхьэу, и пщӀащэхэр къыпыкӀэ щыхъукӀэ, гъэмахуэр къызэрыблэгъар къывощӀэ.
Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм епсалъэу щӀидзащ: – ЛӀы гуэрым жызум хадэ игъэтӀысащ. Мывэ сэрейкӀэ къищӀыхьщ, жызум пӀытӀалъэри ищӀри, бэтэгъей игъэуващ. ЖызумгъэкӀ гуэрхэм хадэр яӀэщӀилъхьэри, хамэ къэрал гуэрым кӀуащ езыр.
Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.
Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ: – ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур?
Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Мы ущие хъыбарыр къывгурымыӀуэу, адрей ущие хъыбар псори дауэ къызэрывгурыӀуэнур?
Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яжриӀащ Хьисэ апхуэдэ ущие хъыбар куэдкӀэ, зэхащӀыкӀын зэралъэкӀынум хуэдэу.
– Зиусхьэн, – жиӀащ Петр, – мы ущие хъыбарыр дэр щхьэкӀэ жыпӀэрэ хьэмэрэ псом щхьэкӀи жыпӀэрэ?
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».
– Ущие хъыбаркӀэ сынывэпсэлъащ иджыри къас. Ауэ ущие хъыбаркӀэ сыныщывэмыпсэлъэжыну махуэр къоблагъэ. А махуэр къыщыскӀэ, Адэ лъапӀэм теухуар нахуэу фхуэсӀуэтэнущ.