Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 13:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 – Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 13:12
17 Iomraidhean Croise  

– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм икӀи къелыжу хуигъэбэгъуэнущ. Ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.


Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.


Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.


И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ.


Арати, лӀы бейм и унэзехьэр къриджэри, жриӀащ: «Уэр щхьэкӀэ жаӀэр пэж? Си мылъкур зэрызепхьэ щӀыкӀэр сыгъэлъагъу. Си мылъкур дяпэкӀэ уэ зепхьэ хъужынукъым».


– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.


Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.


Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».


Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan