16 Ауэ Хьисэ езыр хэтми цӀыхухэм кърамыгъэщӀэну абыхэм яриухылӀащ.
Апхуэдэу щӀэхъуар Мэссихь теухуауэ Тхьэм жиӀауэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым ит мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:
Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.
ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.
Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.
Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.