12 – ЦӀыхур мэлым нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэкъэ? Аращи, щэбэт махуэм фӀы пщӀэну хабзэм къозэгъ.
Аращи, фымышынэ. Фэ бзу цӀыкӀу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ.
Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икӀи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракӀутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ?
Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.
Къуаргъхэм феплъыт. Абыхэм жылэ ясэркъым, гъави къахыжыркъым, гуэни гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, ауэ Тхьэм ахэр егъашхэ. Фэ бзухэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ!
Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Сэ сынывоупщӀ, щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр?