9 АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.
Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэу хуэпахэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ.
Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.
ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.
– Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.