Маттэ 11:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр5 Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс. Faic an caibideil |
«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.
Петр къыщӀигъужащ абы и ужькӀэ: – Израил цӀыхухъухэ, мы псалъэхэм фыкъедаӀуэ: Назарет щыщ Хьисэ Тхьэм зэрыщыщыр фэркӀэ къигъэщыпкъащ. Тхьэм ар къызэригъэщыпкъэжар Хьисэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фи деж зэрыщригъэлэжьамрэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр фигъэлъагъуну зэрылъигъэкӀамрэщ.