Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 10:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 10:7
19 Iomraidhean Croise  

Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых.


Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым унафэ яхуищӀа нэужь, а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я къалэхэм цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъэщӀэну, абыхэм щригъэдэӀуэну кӀуащ.


– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.


– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Арати, а цӀыху пщыкӀутӀыр гъуэгу техьэри, «Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж», жраӀэурэ, цӀыхухэм яхэпсэлъыхьу щӀадзащ.


– Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятхахэм итхэмрэ Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм адрей цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу щытащ, умэхъакӀуэ Иуан и махуэхэм нэсыху. Абы къыщыщӀэдзауэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэ икӀи хэти а Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэну пӀэщӀэгъуэкӀэ щӀокъу.


ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ.


Арати, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри, жылагъуэхэр къызэхакӀухьурэ, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуатэу, сымаджэхэр дэнэкӀи щагъэхъужу щӀадзащ.


– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


Петр унэм щыщӀыхьэм, Корнелий абы къыпежьэщ, и лъабжьэм зыкъыщӀидзэри, лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ.


Къыпэрыуэ лъэпкъ щымыӀэу, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыр Паул цӀыхухэм яхуиӀуатэрт, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбархэри тегушхуауэ цӀыхухэм яригъащӀэрт.


Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan