6 Абы и пӀэкӀэ, израил цӀыхухэу мэл щхьэрыуахэм ещхьхэм я деж фыкӀуэ.
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.
Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Варнавэрэ тегушхуауэ жаӀащ: – Тхьэм и псалъэхэр фэ нывжетӀэн хуеящ япэщӀыкӀэ. Ауэ фэ Тхьэм и псалъэхэм пэӀэщӀэ зывощӀэри, мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъуну зыхуэвгъэфащэркъым. Мис, абы къыхэкӀкӀэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм захудогъазэ;
Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.
Дамаск къалэм дэсхэм, итӀанэ Ерусалим дэсхэм, Иудей хэку псом ис цӀыхухэм, хамэ лъэпкъхэм щыщхэм гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу, Тхьэм и гъуэгум техьэн зэрыхуейри, гуэныхьу ящӀам зэрыхущӀегъуэжам хуэфащэ Ӏуэхухэр ящӀэн зэрыхуейри яжесӀэу екӀуэкӀащ япэщӀыкӀэ.
Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ мэл щхьэрыуахэм фахуэдэти, фи псэхэм я хъумакӀуэм икӀи фи мэлыхъуэм деж иджы фыкъэкӀуащ.