3 Филипп, Варфоломей, Фомэ, хьэкътын ахъшэр хэзыхыу щыта Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей;
Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.
Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.
ИтӀанэ адэкӀэ кӀуэурэ, Алфей и къуэ Левий хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу илъагъури жриӀащ: – Си ужь къиувэ. Левий къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,
– Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Тхьэм и унэшхуэм цӀыхуитӀ кӀуащ, зыр фарисейт, адрейр хьэкътын ахъшэр хэзыххэм* ящыщт.
Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.
– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».
Закхей зи цӀэ гуэр дэст абы. Ар хьэкътын ахъшэ хэзыххэм я пашэхэм щыщт, бейт.
Абы и ужькӀэ ежьауэ, хьэкътын ахъшэ щыхах унэм деж щысу, хьэкътын ахъшэр хэзых лӀы гуэр, Левий зи цӀэр, илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ! – жриӀащ абы Хьисэ.
– Дэнэ сыкъыщыпцӀыхурэ? – къеупщӀащ Нафанаил Хьисэ. – Филипп къоджэн и пэкӀэ, ахъуо жыгым и щӀагъым ущыщӀэтым, услъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ.
Хьисэ ар щажриӀэм, Фомэ ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм яжриӀащ: – ДывгъакӀуи, дэри Хьисэ и гъусэу дывгъалӀэ.
Иудэ (Иудэ Искариот зи цӀэр аркъым) Хьисэ къеупщӀащ: – Зиусхьэн, дунейм и цӀыхухэм уэ зыумыгъэлъагъуу, дэ зыкъэдбгъэлъагъуну жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур?
Зиусхьэн, – жриӀащ Фомэ Хьисэ, – уздэкӀуэр тщӀэркъым. УздэкӀуэм и гъуэгур дауэ къэтщӀэн зэрытлъэкӀынур?
– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?
Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.
Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.
Заущэхуну Петр Ӏэ яхуищӀри, Зиусхьэным лъэхъуэщым къызэрыщӀишыжар абыхэм яхуиӀуэтащ. ИтӀанэ жиӀащ: – Екъуби адрей къуэшхэми къэхъуар евгъащӀэ. Ар жиӀэщ, а унэм къыщӀэкӀыжри, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым кӀуащ.
И ужькӀэ, псэлъэн щаухым, Екъуб жиӀащ: – Си къуэшхэ, мы жысӀэм фыкъедаӀуэ!
ЕтӀуанэ махуэм Паул дригъусэу Екъуб деж дыкӀуащ. Нэхъыжь псори абы щыӀэт.
Зиусхьэным и къуэш Екъуб нэмыщӀ, адрей апостолхэм ящыщ зыри слъэгъуакъым.
Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.
Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ. Фэ, дунейм хэгуэшауэ щыпсэу унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым, фӀэхъус фызох.
Сэ сы-Иудэщ, Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, Екъуб срикъуэшщ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэм и бынхэм ящыщ хъуну хуриджауэ, зигу игъэкъабзэу, Хьисэ Мэссихь къихъумэхэм мы тхылъыр ныфхузотх.