13 Унэм щӀэсхэр а фӀэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщӀэкӀмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж.
Гузэгъэгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм ису къыщӀэкӀмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэр къритынущ. Имысмэ, гузэгъэгъуэм фи деж къигъэзэжынущ
Ажал къызыхэкӀ мэ Ӏейм дыхуэдэщ цӀыху гуэрхэм ядежкӀэ, гъащӀэ къызыхэкӀ мэ гуакӀуэм дыхуэдэщ нэгъуэщӀ гуэрхэми ядежкӀэ. Апхуэдэ Ӏуэху илэжьыну хэт зылъэкӀынур?
ЯӀу егъэзыхауэ щылъщ бзаджащӀэхэр, кърадзыхащ, къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым.
Унэ фыщыщӀыхьэкӀэ, «Тхьэм фэ, мы унэм щӀэсхэм, фигу ирезагъэ», жыфӀи, фӀэхъус ефх.
Унэ гуэрым щӀэсхэм е къалэ гуэрым дэсхэм ящыщ зыми фримыгъэблагъэмэ, е фи псалъэхэм къемыдаӀуэмэ, а унэм фыкъыщыщӀэкӀыжкӀэ, е а къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.