3 Иудэ Фаресрэ Зарэрэ къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ;
Абдеж жриӀащ Иудэ Тамарэ, езым и нысэм: – Щыпсэу фызабэу уи адэм и унэм, си къуэ Шэлэ балигъ хъуху. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы жиӀащ: «МылӀащэрэт ари и къуэшхэм хуэдэу», – жиӀэри. Тамарэ кӀуэжри итӀысхьэжащ и адэм и унэм.
Иудэ и щыпэлъху Ер фыз къыхуишащ; абы и цӀэт Тамарэ.
Иудэ и къуэхэр: Ер, Онан, Шэлэ, Пэрэц, Зэрахь; Еррэ Онанрэ щылӀащ Ханаан щӀыналъэм. Пэрэц и къуэхэт Хэцрон, Хъамул.
Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ;
Арам Аминадав къыхуалъхуащ; Аминадав Наасон къыхуалъхуащ; Наасон Салмон къыхуалъхуащ;
Наасон Аминадав и къуэщ. Аминадав Арам и къуэщ. Арам Есром и къуэщ. Есром Фарес и къуэщ. Фарес Иудэ и къуэщ.