21 Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.
Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.
– Ауэ зэгурыӀуэныгъэр зыдэслъхьэнур Сэрэ Исхьэкърэ ди зэхуакурщ; илъэс къакӀуэ и мыпхуэдэ зэманым деж Сарэ ар къыпхуилъхунущ.
– Илъэс къакӀуэ Сэ аргуэру мыбдеж мыпхуэдэ зэман дыдэм сыкъэкӀуэнущ, абы щыгъуэ иӀэнущ къуэ Сарэ, уи фызым, – жиӀащ абыхэм ящыщ зым. Сарэ къэдаӀуэрт, абы и щӀыбагъым къыдэту, шэтыр щӀыхьэпӀэм деж щыту.
Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.
МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.
Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ къэплъхунущ. Абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ.
ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.
Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы.
Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.
– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.
А лӀым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу, израил цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэщ; Тхьэм ар абыхэм къахуигъэкӀуащ, я адэжьхэр къызэригъэгугъам тету.
Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.
– ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.
Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
Тхьэм пэгъунэгъу хъуну Хьисэ зылъигъэкӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын сыт щыгъуи хузэфӀокӀ абы щхьэкӀэ. Хьисэ а цӀыхухэм Тхьэм яхуелъэӀуну игъащӀэкӀэ псэунущи.
Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.
Мэссихь дэ гуэныхьу тщӀахэр тщхьэщихыну къызэрыкӀуар фэ фощӀэ. Абы езым гуэныхь лъэпкъ бгъэдэлъкъым.
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.