Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 1:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 1:2
27 Iomraidhean Croise  

Мис Исхьэкъ, Ибрэхьим и къуэм, къытехъукӀа цӀыхухэр. Ибрэхьим къыхуэхъуащ Исхьэкъ.


ИтӀанэ ныбэм къикӀащ абы и къуэшыр, и ӀэмкӀэ Эсау и лъэдакъэр иӀыгъыу; фӀащащ абы цӀэуэ Екъуб. Исхьэкъ илъэс хыщӀ хъурт, ахэр къыщалъхуам.


Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.


Иудэ Фаресрэ Зарэрэ къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ;


Тхьэм езымрэ Ибрэхьимрэ яку зэгурыӀуэныгъэ зэрыдилъхьам и дамыгъэу Ибрэхьим сунэт щӀыныр къыхуигъэнащ. Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуэхъури, ар еянэ махуэм сунэт ищӀащ. И ныбжь щынэсым Исхьэкъ къишэри, Екъуб къыхуэхъуащ. Екъуб ди адэшхуэ пщыкӀутӀым адэ яхуэхъуащ.


Сарэ сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи.


Ди Зиусхьэныр Иудэ зи цӀэ унагъуэ лъэпкъым зэрыщыщыр ӀупщӀщ. Мусэ бегъымбарыр дин пашэхэм къащытепсэлъыхьым, а унагъуэ лъэпкъым и гугъу ищӀакъым.


Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Реувен унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Гад унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan