19 Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ.
Мазищ хуэдиз дэкӀри, къыжраӀащ Иудэ мыпхуэдэу: – Тамарэ, уи нысэм, зинэ ищӀащ, арати, лъэщыджэ хъуащ ар зинэкӀэ. – Дэфш ар, икӀи ирырагъэс ар, – жиӀащ Иудэ.
Мис Нухь и хъыбарыр: Нухь мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыхэмылъ цӀыху пэжу а зэманым псэу цӀыхухэм яхэтащ; щыпкъагъэкӀэ Тхьэм хуэпсэущ Нухь.
ЛӀы гуэрым и фызыр зэрыригъэкӀыж тхылъ итхмэ, фызыр иригъэкӀыжыну Мусэ бегъымбарым хуит ищӀащ, – жаӀащ абыхэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.
СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.
– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.
Нэху щыщым, хы Ӏуфэр къацӀыхужакъым, ауэ псы дэлъэдапӀэ пшахъуавэ къалъэгъуащ. Ӏэмал иӀэмэ, кхъухьыр абы ирахулӀэну траубыдащ.
Абы сыщыгугъти, фи деж япэ сынэкӀуэну сыхуеящ, си фӀагъ тӀэунейкӀэ къывэкӀын щхьэкӀэ.