18 Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ.
Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.
Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.
А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.
Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.
«Зиусхьэным мыр сэ къысхуищӀащ», жиӀащ абы. «Мы махуэхэм абы и нэфӀ къысщыхуэри, си мыгъуагъэр цӀыхухэм я пащхьэм щыстрихащ».
Исуф абы щӀэкӀуар лъыхъуа Мэрием и гъусэу и цӀэр яригъэтхын щхьэкӀэщ. Мэрием лъэщыджэт,
Аращи, Мэссихь мы дунейм къыщытехьэнум щыгъуэ Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Къурмэнхэми тыгъэхэми уахуеякъым, ауэ пкъы къысхуэбгъэхьэзыращ.
Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.