16 Екъуб Исуф къыхуалъхуащ. Ар МэссихькӀэ* зэджэ Хьисэ къэзылъхуа Мэрием и щхьэгъусэщ.
Елиуд Елеазар къыхуалъхуащ; Елеазар Матфан къыхуалъхуащ; Матфан Екъуб къыхуалъхуащ;
– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.
Ар зэры-Мэссихьыр зыми жрамыӀэну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм унафэ быдэ яхуищӀащ абы щыгъуэ.
Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ. – Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.
Арати, цӀыхухэр къыщызэхуэсым, Пилат абыхэм еупщӀащ: – Хэт къыфхуэзутӀыпщыжыну фызыхуейр? Вараввэ, хьэмэрэ МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ?
– МэссихькӀэ зэджэ Хьисэ сыт есщӀэнур? – щӀэупщӀащ Пилат. – Жорым еӀулӀ, – жаӀащ псоми.
Мэрием и къуэ пхъащӀэр аракъэ мыр – Екъуб, Иосий, Иудэ, Симон сымэ я къуэшыр? Абы и шыпхъухэри къытхэскъэ? Ар жаӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ мыхъун я гум кърагъэхьащ.
Ар къызыхуигъэкӀуар Мэрием зи цӀэ хъыджэбз гуэрщ. Исуф зи цӀэу Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ лӀым а Мэрием къишэну къыхихауэ щытащ.
ЩӀалэр щалъагъум, анэмрэ адэмрэ ягъэщӀэгъуащ. – Си щӀалэ! Сыт уэ къыдэпщӀар? – къыжриӀащ и анэм. – Мис, уи адэмрэ сэрэ гузэвэгъуэм дыхэту дыплъохъу.
Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.
И лэжьыгъэм щыщӀидзам, Хьисэ илъэс щэщӀым итт. ЦӀыхухэм зэрагугъамкӀэ, ар Исуф и къуэщ. Исуф Илий и къуэщ.
ЦӀыхухэм хуабжьу ягу ирихьащ Хьисэ, абы и псалъэ дахэхэри ягъэщӀэгъуащ. – Исуф и къуэр аракъэ мыр? – жаӀащ.
– ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ.