1 Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.
Сэ си нэфӀ ящыхуэнущ уэ зи нэфӀ къыпщыхуэхэм, си ней ящыхуэнущ уэ зи ней къыпщыхуэхэм; уэ уи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящыхуэнущ дунейм тет цӀыху лъэпкъ псоми!
Аращ уафэмрэ щӀылъэмрэ я къэхъукӀэ хъуар – Зиусхьэну Тхьэм щӀылъэри уафэри щиухуам щыгъуэ.
Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.
Тхьэм цӀыхур къыщигъэщӀам, Тхьэм ещхьыну ар къигъэхъуащ.
Бгыхэр къэхъун я пэкӀи щӀыр, дунейр къыщыбгъэщӀми, лӀэщӀыгъуэхэм къащегъэжьауэ лӀэщӀыгъухэм нэсыжу Уэ у-Тхьэщ.
Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ.
Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ;
А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.
Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.
А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
МыкӀуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиӀэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кӀэ иӀэнукъым.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэткъэ Мэссихь Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм къазэрыхэкӀынури, Даут зыдэса Бэтлэхьэм къалэм зэрыщыщынури?
Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.
А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.
Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.
Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.
Апхуэдэу, Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну бынымрэ ӀыхьэфӀхэмкӀэ игъэгугъащ. «Уэ къыптехъукӀыну быныр» щыжиӀэкӀэ, зы цӀыху закъуэ къригъэкӀыу Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Ар жыхуиӀэр Мэссихьщ. «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр», жиӀэу куэд къикӀыу хэткъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр закъуэщ, Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ зэзыгъэкӀужыр закъуэщ, ар цӀыхуу Мэссихь Хьисэщ.
Хьисэ Мэссихь уигу къэгъэкӀыж; ар Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщщ, Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Аращ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀу,
– Сэ сы-Хьисэщ. Мы ӀуэхухэмкӀэ фи члисэ зэхуэсхэм щыхьэт къыфхуэхъуну си мелыӀычыр нэзгъэкӀуащ. Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀа бын лъапӀэр сэращ. Нэхущ вагъуэ нэхури сэращ.