Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:9
15 Iomraidhean Croise  

Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым. Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.


Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.


– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.


ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.


Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.


Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.


А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.


Щыщаплъыхьым, напӀэзыпӀэм Хьисэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри ялъагъуакъым абыхэм.


къажриӀащ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan