8 Щыщаплъыхьым, напӀэзыпӀэм Хьисэ фӀэкӀ, нэгъуэщӀ зыри ялъагъуакъым абыхэм.
Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ.
Абы ирихьэлӀэу я нэхэр къэплъэжри, зэры-Хьисэр къацӀыхужащ. КъацӀыхужа нэужь, Хьисэ бзэхыжри, ялъагъужакъым.
А макъыр къэӀуа нэужь, Хьисэ и закъуэу къэнащ. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялъэгъуар а махуэхэм зыми хуамыӀуатэу ябзыщӀащ.
Апхуэдэу щэнейрэ хъуащ. ЩэкӀ хужьыр уафэм дэкӀуеижащ итӀанэ.