Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Пэжыр нывжызоӀэ, Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, хэту щытми, псы фалъэ фезыгъафэм и ӀыхьэфӀ фӀэкӀуэдынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:41
11 Iomraidhean Croise  

Хэтми, мы цӀыху цӀыкӀухэм ящыщу гуэр си гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зы псы щӀыӀэ фалъэ нэхъ мыхъуми езыгъафэм, пэжыр нывжызоӀэ, и ӀыхьэфӀыр фӀэкӀуэдынукъым.


– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».


ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.


Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд.


АрщхьэкӀэ фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэркъым икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр пэжыгъэкӀэ фигу щилъкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу фрокӀуэ. Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъыр Мэссихь и цӀыхухэм ящыщкъым.


Ауэ а Ӏуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лӀахэм япэ къахэтэджыкӀыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкӀэ, и цӀыхухэр къэтэджыжынущ.


Ауэ фэ Мэссихь фрейщ, Мэссихьи Тхьэм ейщ.


Фи нэм иубыдыращ флъагъу къудейр. Фэ фщыщ гуэрым и псэм Мэссихь щыщу и фӀэщ хъумэ, апхуэдабзэу дэри ди псэм Мэссихь зэрыщыщым ирегупсыс.


Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan