Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Бегъымбархэу Илясрэ Мусэрэ абыхэм къахуэлъэгъуэри, Хьисэ къепсэлъащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:4
15 Iomraidhean Croise  

умэхъакӀуэ Иуан и зэманым къэсыху, бегъымбар псори, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри а тепщэныгъэшхуэр къызэрыунэхунум тепсэлъыхьэу щытащ.


Дунейм тет жьыщӀакӀуэм щыгъынхэр ижьыщӀурэ хужь зэрыхъум нэхърэ нэхъ хужь хъуащ Хьисэ и щыгъынхэр.


Равви, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Шэтырищ дгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan