Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм. – ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:21
15 Iomraidhean Croise  

ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.


Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт.


ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.


– Жин бзаджэм ар игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, мафӀэми псыми куэдрэ хедзэ. Зыгуэр пхузэфӀэкӀынумэ, гущӀэгъу къытхуэщӀи, къыддэӀэпыкъу.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?


А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.


Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.


Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст.


Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.


Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.


Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan