Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:13
9 Iomraidhean Croise  

Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр аращ.


– Пэжщ, Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэнурэ, Ӏуэху псори захуагъам тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын икӀи ар цӀыхухэм зыхахун хуейщ.


Хьисэрэ абы и гъусищымрэ и гъуэгу ирикӀуэ адрейхэм я деж къыщагъэзэжым, цӀыху гупышхуэм къаувыхьауэ, торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэрхэр абыхэм къедауэу ялъэгъуащ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


Фэ фи адэжьхэм кърамыхуэкӀа бегъымбар щыӀа? Щыпкъагъэ ЗиӀэр дунейм къызэрытехьэнур цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри яукӀащ. Фэри тепщэныгъэ зиӀэхэм ар евгъэубыдри, евгъэукӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan