Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 – Пэжщ, Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэнурэ, Ӏуэху псори захуагъам тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын икӀи ар цӀыхухэм зыхахун хуейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:12
30 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.


– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.


– Мис, дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей иджы, – жиӀащ абы. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ щаӀэщӀыхьэнущ абы. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ икӀи хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ ар.


Сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяр иращӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм абы теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу.


и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.


Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ.


Абдежым щраӀулӀа бзэджащӀитӀым я зым, Хьисэ къыщӀэнакӀэри, жиӀащ: – Уэракъэ Мэссихьыр? Уэри дэри дымыкӀуэду дыкъегъэл!


Щызэхуэсым, апостолхэр Хьисэ еупщӀащ: – Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфӀэбгъэувэжынур?


Аращ «ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan