Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 9:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 9:10
15 Iomraidhean Croise  

И къуэшхэр къыхузэгуэпырт абы; ауэ Исуф и адэм игу ириубыдащ абы и псалъэр.


Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ: – Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.


– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр япэщӀыкӀэ къэкӀуэн хуейщ», щӀыжаӀэр сыт? – къеупщӀащ ахэр Хьисэ.


Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.


Бгым къыщехыжым, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну Хьисэ абыхэм унафэ яхуищӀащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.


Епикурейхэмрэ стоикхэмрэ ящыщ философ гуп Паул къедауэу щӀадзащ. – Мы щхьэгъавэм сыт жиӀэну зыхуейр? – жаӀащ зыкъомым. – Мы лӀым тхьэ хамэхэм я хъыбар къиӀуатэ хуэдэщ, – жаӀащ адрейхэм. Апхуэдэу щӀыжаӀар Паул Хьисэрэ лӀахэр къызэрытэджыжынумрэ теухуа хъыбархэр цӀыхухэм яхуиӀуатэу зэрыщытарщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan