8 ЦӀыхухэр шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матиблым ярызу хъуащ.
Арати, псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярызу хъуащ.
ЦӀыху псори шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр матиблым ярызу зэхуахьэсыжащ.
Хьэмэрэ щӀакхъуиблыр цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар?
Шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт. Хьисэ цӀыхухэр иутӀыпщыжащ итӀанэ.
ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.
Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.